Бабыгу Эргун и усыгъэр. Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг. Зера Бакова
къыщехъулIар 2006 гъэращ. Абы лъандэрэ Налшык щыпсэуащ. И IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ къызэIуихри ехъулIэныгъэ иIэу дунейм ехыжыхун лэжьащ. И лэжьыгъэмкIэ адыгэ куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Цıыхум сомкIэ зыщIэгъэкъуэныр и хьэлу щытащ. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми ядэIэпыкъуащ. Тыркум къикIауэ, ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящхьэщытащ.
Бабыгу Эргун унагъуэт. ЩIалитI къыщIэнащ Амырхъанрэ Батухъанрэ. Нэхъыжьыр университетым зы зэмакIэ щеджащ. Иужьым Истамбыл къыщиухыжащ.
Ковидыр Эргун къыщеуэлIам, и унагъуэр Истамбыл щыIэт. Езыр Налшык къэнат, лIыгъэм зригъэхьри. Узыр къызэриубыдар хэIущIыIу ищIакъым, Тырку гъуэгури зэIухатэкъым… Ауэ Эргун зыцIыхуу щытахэм, и ныбжьэгъуахэм ди гур догъэфI сытым дежи и нэ къызыхуикIа Хэкум зэрыщыщIалъхьэжамкIэ:
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Уэшх тIэкIу къыстырипхъэрэ,
Жьым сабэр зыщIипхъэуэ.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Мазэр си уэздыгъэрэ,
Жэщ фIыцIэр си тепхъуэуэ.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Вагъуэ ижа фIэкI умыщIэу,
СхэкIуэтынущ мы гъащIэм.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Зэи сыщымыIа хуэдэу,
Сырахьэхынущ щIы лъащIэм.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Си хэкум сакъыхэплъэну,
СыщыщIэфлъхьэ зы бжьэпэ и дей.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
НэгъуэщI зы щIыпIэ сывмыхьу,
ЗанщIэу сефхьэлIэж Бабыгуей.
Эргун и усыгъэми, къытхуиIуэтэжа хъыбархэми къазэрыхэщымкIэ, хэку фIылъагъуныгъэр уIэгъэжь мыкIыжым хуэдэу къыздырахьэкI хамэщI щыпсэу адыгэхэм:
Адэ хэкум сынэмысу
Хамэ къэрал сыщылIэмэ,
Сыкъэзышам зэремыбгъэу,
Сызмышэжым сигу ебгъэнщ.
Сэ адыгэу зыслъытэжрэ
Хамэм сахэкIуэдэжмэ,
Адыгэу и хэку къинэжа
Си къуэшхэм ягу къызэбгъэнщ.
КъызэрыкIуэжынумрэ къыщыкIуэжынумрэ нэгъэсауэ ямыщIэми, куэдым Хэкужьым къызэрихьэжынур шэч хэмылъу яцIыхут. Хэкужь Iуэхур хьэкъыу зыхэлъу къалъхуахэращ Iэмал зэрагъуэту къекIуэлIэжар. Гугъуехь куэд хэтащ, иджыри зрихьэлIэ лъэпощхьэпор нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ гугъуехьым хуэхьэзырт. Къыптрахами, къэбгъэнами, зэ пфIэкIуэда уи лъапсэжьыр тыншу къызэрыпIэрымыхьэжынур хьэкът. Ауэ я лъапсэжьыр тIысыпIэ ящIыжын мурадыр апхуэдизу инти, псоми пэщIэувэфт, мазэрэ дыгъэу уафэгум къыщепсти гугъэр ягъэнэхут, ягъэхуабэт.
ХамэщIым къыщалъхуа, езыр-езыру зи анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэжа усакIуэм дежкIэ мыпхуэдэ усэр ехъулIэныгъэщ. Мы темэм – хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм елэжьын щыщIэздзам – 1990 гъэхэм – мыпхуэдэу адыгэбзэкIэ тхауэ усэ Iэрамэ зэгъусэу уи па – щхьэ къизылъхьэфын абыхэм яхэттэкъым. Апхуэдэр щыIэнкIи Iэмал иIэтэкъым. АтIэ, Тыркуми ди лъэпкъэгъухэр