Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова


Скачать книгу
щысщ, хъуреягъым щекӏуэкӏыр зыкӏи къыфӏэмыӏуэхуу.

      – Жеящ, къэуша къудейщи аращ, – жеӏэ нанэ, сабийр и адэ къуэшым зэремыплъыр гуажэ щимыщӏыну. Ӏэдэм и ӏэ фӏыцӏитӏыр итхьэщӏыну щӏокӏри, кӏэрыкӏаӏауи къыпхуэмыщӏэу къегъэзэж. Езым хуэдэ лэжьапӏэ къикӏыжахэри зытхьэщӏыпӏэм къэкӏуат, я ӏэр ягъэкъабзэу ӏэнэм пэрытӏысхьэну пӏащӏэхэу. Псоми пэш зырыз яӏэу щӏэсщ, ауэ зытхьэщӏыпӏэри, зыгъэпскӏыпӏэри, пщэфӏапӏэри, псыунэри зэдайщ. Мы унэм щӏэсхэм псоми я лэжьапӏэр зыщ, зи дэкӏыгъуэхэр зэгъусэу щӏокӏ, зэкӏэлъхьэужьу къокӏуэлӏэж, аращи, загъэпскӏын, я ӏэр патхьэщӏыкӏын щхьэкӏэ зыр зым йожьэж.

      – Ухуеймэ, сабыныр бухыху щыхуэ, мыр кӏэрыкӏынукъым, – жи, и ӏэм хия ӏэпапӏэ фӏыцӏэхэм Майе зэреплъым гу лъитауэ. Хияри зыгуэрщ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур зэплъыр Ӏэдэм и ӏэбжьанэхэращ. Ахэр хъуреишхуэщ, иушкумбащи, шейщӏэт цӏыкӏу хуэдэщ. Майе зыхещӏэ Ӏэдэм и гъащӏэр зэрыхьэлъэр. Езыр нэшхуэгушхуэну яужь итщ, ауэ и плӏэм нэрымылъагъу хьэлъэ илъщ. Ар адрейхэм ямылъагъуми, Майе елъагъу. Ӏэдэм и лэжьапӏэр къицӏыхуну хуейщ. Къехъулӏэну пӏэрэ?

      Ӏэдэм дуней хуитым зэрытетым нэхърэ нэхъыбэрэ щӏы щӏагъым щӏэтщ. Щыгъын къабзэ щыгъыу унэм щӏокӏ, къуршым драшей, гъуанэм йохьэри, япэ зыхуэзэр зыхуэпапӏэращи, щӏохьэ. Блыным хэукӏа фӏэдзапӏэхэм фӏэлъщ ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту щӏэзыхъумэ зэпыт, щэкӏ пхъашэм къыхэщӏыкӏарэ щыптӏэгъэныр гугъу ищӏу ткӏийуэ. Хьэршым зэрылъатэ скафандрым ещхьщ. Мо куэдым ямыцӏыху щыгъыныгъуэр екӏуэкӏыу зыфӏэлъ пэшым щӏыхьэху, Ӏэдэм къыщохъу зы къэгупсыса дуней гуэрым къыщыхутэу. Адрейхэми хуэдэу, ерагъкӏэ и «скафандрым» йопщхьэри, къыкӏэлъыкӏуэ пэшым щӏохьэ. Мыбдежым уэздыгъэ зыхэт гъущӏ пыӏэр къыщрат, цӏыху къэс езым ейуэ бжыгъэ зытет жэз хъурей цӏыкӏу и гъусэу. И лэжьэгъухэм яхэту адэкӏэ зэпрыкӏыпӏэ кӏыхьу пхырыхам ирокӏуэри, шахтэм езышэхыну лифт щхьэ ӏухам йотӏысхьэ. Лифтыр зыгъэлажьэм шахтёрхэм я жэз хъурей цӏыкӏур яӏех. Ещхьыркъабзэу, къагъэзэжмэ яритыжынущи, ӏупщӏ хъунущ псори шахтэм къикӏыжарэ зыгуэр къинарэ. Лифтыр йожьэ. Ар апхуэдизу псынщӏэу зокӏуэри, я дамэр зэгъэкъуауэ зэхэт цӏыхухъу гупым я хьэлъагъым фӏыуэ хэщӏу къащохъу. Пыӏэхэм хэщӏыхьа уэздыгъэм я закъуэщ нэху къэзыдзыр. Тхьэкӏумэхэр зыгуэрым къыӏуикудэ хуэдэу мэхъу. Лифтыр шахтэм носри къоувыӏэ, гъущӏ тӏысыпӏэхэр зиӏэ мафӏэгу цӏыкӏу щытщи, псори йотӏысхьэ, мафӏэгу цӏыкӏур щӏопхъуэ, дэгъэзеигъуэми егъэзыхыгъуэми къыпхуэмыщӏэу кӏуэцӏрыкӏ зэпрыкӏыпӏэ пхырыхам и кӏыхьагъкӏэ ирикӏуэ гъущӏ гъуэгум тету. Дакъикъэ зыхыблкӏэ кӏуауэ, къоувыӏэри псори къокӏ. Зи лэжьэгъуэр зыухахэр къэкӏуахэр къызэрыкӏа мафӏэгу цӏыкӏум йотӏысхьэ, фӏэхъус зэрах, псалъитӏ-щы зэпадзыж. Къэкӏуахэр иджыри лъэсу зыкъомрэ пхрыкӏын хуейщ, лэжьыгъэ къащыпэплъэм нэсын папщӏэ. Гупым яхэту Ӏэдэми пхрокӏ, и лэжьапӏэм нос, пцӏий, вольфрам, молибден хъугъуэфӏыгъуэхэр къызыхах мывэр нэхъыбэу къызэрыгуиудыным хущӏокъу. Лагъым щӏалъхьэу къыщыгуауди щыӏэщ, ауэ ӏэпщэуэн лэжьыгъэр ирокъури къолыж. Гугъу зрамыгъэхьу хъунукъым. Зы дэкӏыгъуэу лэжьыгъэм пэрыхьэм къыхуагъэувам хуэдизыр къимылэжьмэ, абыхэм ягъэчэмар зэзыхъуэкӏыну гупым нагъэсыжын


Скачать книгу