Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова


Скачать книгу
щыжиӏэкӏэ, езыри макӏуэ, малъэ. Улэ ар япэу щилъэгъуам, пыгуфӏыкӏащ – сабийщ, мэджэгу. Етӏуанэу, ещанэу… махуэ къэс. Иджы «щӏыкъатиблыр» къыхэхъуащ. Пӏэкум исщи, еплъыхыурэ зыгуэр жеӏэ, макъхэр егугъуу къепсэлъ. «Щӏыкъатибл… щӏыкъатибл…»

      Нанэ и щхьэфӏэпхыкӏ гъуабжэр фӏэщэтри, и щхьэц тхъуар къыщӏэщащ, ауэ ари къищӏэркъым, хъыджэбз цӏыкӏум тогузэвыхьри.

      – Делэщ а бгъуэнщӏагъым узышар, губзыгъэм абы сабий ишэну? Уи адэм къелыну ар иджы? Сэри сыт къызжиӏэнур? Щхьэ хуэбутӏыпща жиӏэнкъэ?

      Жануэс и нысэмрэ и къуэмрэ захуигъэгусати, къытридзэри щӏалэ нэхъыщӏэм деж Тӏыауз къэкӏуащ. Гуныкъуэгъуэ яку къыщӏыдэкӏари Майет. Зи псэлъэгъуэ блэкӏа сабийм елӏэлӏэн хуейтэкъэ – нанэ абы зэпымыууэ епсалъэрт, псысэхэм и тхьэкӏумэр тегъэхуауэ зэредаӏуэм гу лъитати, мыувыӏэу жриӏэрт. И нэ цӏыкӏуитӏыр къытриубыдауэ къеплъу псысэм и кӏыхьагъкӏэ къедаӏуэрти, ар и гуфӏэгъуэт. Нанэм жиӏэр къызэрищтэр зылъагъу къуэмрэ нысэмрэ сабийр дзыхь къыхуащӏыпащ. Къыхуащӏами, хущӏегъуэжахэщ – Майе псысэ фӏэкӏа къыфӏэмыӏуэхуж хъуащ. Нэгъуэщӏ зыми едэӏуэну хуейтэкъым, сабийхэми зэрахэмыхьэт. Езым и ныбжьхэм хэтыфу есэнщ жаӏэу зрата сабий гъэсапӏэм тхьэмахуэ фӏэкӏа мыкӏуауэ, хьэргъэшыргъэ къэхъуащ. Зи щытыкӏэр зыми емыщхь сабийм гъэсакӏуэр къыщӏэгубжьащ. Абы емысар къызэкӏуэкӏащ, кӏийуэ, гъыуэ хуежьэри, ящыхутемыгъэужым, пэш нэщӏым щӏаубыдащ. Пщыхьэщхьэм и анэм къишэжыну щыкӏуам, Майе плъыржьэру, зыщӏаубыда пэшым и дурэшым дэсу ирихьэлӏащ. Гъэсакӏуэмрэ и анэмрэ щыщӏыхьам, къимылъагъу хуэдэу щыст, епсалъэкӏэ жэуап къаритыртэкъым, ӏэплӏэкӏэ къащтэну хуежьэми, закъригъащтэртэкъым. Зыри къимыцӏыхуж хуэдэт. Балигъыу хъуар, и анэри хэту, и дзыхьым икӏат. Майе а щытыкӏэм къришыну зыми хузэфӏэкӏынутэкъыми, сабийр езыр зыдэӏэпыкъужащ: а махуэм къэхъуар зыпкъригъэхуащ.

      Сабий гъэсапӏэм иратыну къыхэзылъхьар Пагуэт. Пщэдджыжьым и адэм е и анэм ешэ, гъэсакӏуэхэм ящыщ къыпожьэри и ӏэпэр иӏыгъыу сабийхэр щыджэгу пэшым щӏашэ. Ауэ Майе а пэшым нэсыху и гум щыщӏэм хэт щыгъуазэр? Дэнэкӏи шхынымэщ: бжьынымэ, лы гъэжьэрымэ, хьэнтхъупс зэхэгъавэм и мэ. Бдзэжьей гъэжьэрымэр зыми хуэдэххэкъым, шэчыгъуей дыдэщ. Мэхэр зэхэзэрыхьыжауэ пщэфӏапӏэм къыщӏокӏри пэшу хъуам зыщӏагуашэ, щхьэгъубжэӏупхъуэхэм къакӏэрех, блынхэм зыщӏашэ.

      Майе абы и гур кърегъакӏуэ. Къезыгъэлын имыӏэу, кӏуапӏи-жапӏи имыгъуэтыну къыщохъури, мэгужьей. Екӏуэкӏыу блыным кӏэрытщ шэнт цӏыкӏухэри, нэхъ дурэш дыдэм дэтым тотӏысхьэ, цыжьбанэ цӏыкӏуу зызэрегъапщхьэри. Зыри илъагъуркъым, зыри зэхихыркъым, зыми епсалъэркъым. Пщэдджыжьышхэр зэфӏэкӏмэ, щӏыбым щӏашынущи, абы щыгъуэм бэуэнущ и гум щызу. Зэпэзэву ягъэува шэнтхэм сабийр кърагъэтӏысэкӏри, Майе къыбгъурысхэр къыжьэхоуэ. Зыр и ӏэблэм, адрейр и лъакъуэм. Зыр щӏалэ цӏыкӏущ, адрейр хъыджэбз цӏыкӏущ. Ар ишэчын хуей зэрыхъум щхьэкӏэ и натӏэм пщӏэнтӏэпс къокӏуэ. Пщӏэнтӏэпсри хуэшэчынукъыми, и анэм кърита бэлътоку цӏыкӏур и жыпым кърехри, и натӏэмрэ и напэмрэ елъэщӏ.

      «Майя умница, пришла с платочком!» – жи гъэсакӏуэм, абы гу къылъетэри. Напэмытхьэщӏу къашэхэм ярилъытри къыщытхъуауэ


Скачать книгу