Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Ар мащӏэ? «Апхуэдэу псынщӏэу зэфӏэкӏынукъым» жызыӏэхэм зыри ямыщӏэну аращ.
– Фэеплъ гъэжыным ипэкӏэ комиссэ зэхэшэн хуейщ, зэпеуэ къыхэлъхьэн – куэд мэхъу абы пыщӏар. Дэ иджыри дызыхунэмыса фэеплъи ухуэныгъи ди гъунэжщ… Уи адэм и цӏэри, фэеплъ къыхуагъэфэщэн хуэдэу, къыдэхыжын хуейщ…
Пагуэ къогубжь: сыт «къыдэхыжын хуейщ» жыхуаӏэм кърагъэкӏыр?! Абы и цӏэр къуалъхьэжакъым, зыми шэч къытрихьэу идэнукъым лӏыгъэ хэлъу зэрыкӏуэдам! Пагуэ ирогубжь, тоуж, иронэщхъей адэм и ӏуэхум. Зыми емыупщӏу фэеплъ екӏу хуигъэувынущи, хуит къамыщӏауэ ӏуплъапӏэм деж щыхисэу ядэнукъым, къуэгъэнапӏэ щигъэувмэ, хэт зылъагъунур, сыт и мыхьэнэр? Гуитӏщхьитӏщ, илъэс дапщэ хъуауэ егупсысрэ абы…
Пагуэ къалэ сабафэу сабэншэм и уэрам бгъуфӏэм ирокӏуэ. И ӏэпкълъэпкъ шэщӏар зымыгъэпсынщӏэр и щхьэм щыкӏэрахъуэ гупсысэмрэ и гукъеуэ бзыщӏахэмрэщ…
Ӏэдэми и щхьэр ежьа, сабийр шахтэм щӏишар сыт? Езыри гузэвэжащ, ауэ сыт делагъэ пщӏэуэ угузэвэжкӏэ? И ныбжь нэсащ абы ищӏэр къыгурыӏуэжыну…
Сыт апхуэдизу и нэ къыщӏикӏыр адэм фэеплъ хуигъэувыну? Адэцӏэр ихъумэну ара, хьэмэрэ езы Пагуэ игу иризэгъэну ара?
И нэгу къыщӏоувэж адэр иужь дыдэу щилъагъужар, и нэщӏащэм лъыр ипцӏыхьауэ, и напэр дыркъуэ защӏэу, и ӏэпхъуамбэхэр зэхэкъутауэ… Сыту бэлыхьышхуэ къытралъхьат уи псэм, си адэ… Щыӏэ а псэр езыр? Лыр мэуз, гум зызэхуешэ, ауэ псэр… Псэи тхьэи щымыӏэу аращ коммунистхэр зытетыр, езыри коммунистщ.
Пагуэ здэкӏуэм и пащхьэм лӏы гъумыщӏэшхуэ къоджэразэ.
– Мыр сыт? Уэрамым утехуэркъэ? Зуплъыхь хъуну? Лӏы мыцӏыхур бэлэбанэу зэрыхуэпам тегушхуэгъуафӏэ ирегъэщӏ Пагуэ: мыр зи теплъэ лэжьапӏэ ӏуткъым, нэхъ ӏеижращи, йофэ. Небэкъебэу, делэ гуфӏэкӏэу къыжьэхокӏуатэ езыри.
– Текӏуэтыт, зыкӏи узиӏуэхукъым, си пӏэм сыкъыумыш!
Лӏы мыкӏуэмытэм къепсалъэр хьэ бэнауэ къыфӏэмыӏуэхуу, и тхьэкӏумэм ӏэпхъуамбэжьакӏэкӏэ йотӏыхьри щытщ. Пагуэ абы къыпикӏухьыну хуожьэ – мор аргуэру и пащхьэ къохутэж. Пагуэ мэгубжь – мор подыхьэшхыкӏ. Къыпекӏухь, гъуэгум къытренэри адэкӏэ макӏуэ, «уэху» жиӏэжащ… Лӏы мыфэмыцыр и пащхьэм къохутэж.
– Ушейтӏан, зиунагъуэрэ, мыр дауэ?
– Уэ шейтӏан уи фӏэщ хъурэт-тӏэ?
– Хъуркъым!
– Шейтӏани мелыӏычи щымыӏэу аракъэ?
– Щыӏэкъым!
– Нтӏэ-нтӏэ. Коммунист партым фӏэкӏ зыри уи фӏэщ хъуркъым уэ.
– Си жьэр зэщӏэсхыркъым, мы мыфэмыцми и жьэ зэщӏихыркъым, дауэ дызэрызэпсалъэр? – йогупсыс Пагуэ, модрейми къыпещэ:
– Еууей, Пагуэ, лӏыку ухъуащ, гу къыслъумытэ зыпщӏурэ. Сэ сы-уэращ. Убзыщӏу, цӏыхум къебгъэщӏэн ушынэу пхэлъ хьэл гущыкӏыгъуэхэмрэ уи ӏэужь щӏэпхъумэжахэмрэ зыкӏуэцӏылъ Пагуэр сэращ.
Лӏы мыкӏуэмытэм къыкӏэрих бамэм имыгъэбэуэжу Пагуэ и гур кърегъакӏуэ… Хьэуэ, пцӏыщ, абы ӏумпэм къыщӏащӏынрэ цӏыхум ящибзыщӏыжынрэ зэи илэжьакъым. Мыр шейтӏанщ, шэч хэмылъу. Коммунистхэм ямыдэми…
Жануэс аргуэру и закъуэщ. Пагуэ къигъэзэжакъым, Ӏэдэм щӏэкӏыжащ. Нэмэз ищӏри, нэмэз