Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова


Скачать книгу
яхуэдэщ. Дымым 1912 гъэм адыгэбзэ мыдрисэ къызэIуихат. Iэдэм Къаир щыкIуэм, Алий 1914 гъэм, Гугухэ я мыдрисэ-хьэлийм кIуэжат, ЦIагъуэ Нурийрэ Алийрэ еджапIэм къыщыщIахужым, Нурий къызэIуиха «ЦIагъуэм и университет» жыхуаIэу щытам щIэтIысхьат. Нурий и фIыгъэкIи, егъэджакIуэ IэщIагъэм зыхуигъэсэну Алий макIуэ Темирхъаншурэ (иджыпсту Буйнакск жыхуаIэм), абы йокIри Бахъшисарай (Кърымым) макIуэ. ИужькIэщ и щIэныгъэм хигъэхъуэну ар Истамбыл щынэсар.

      Алий усэныр Истамбылщ къыщищтар. И усэ лъэщ дыдэхэр – «Тырку хадэм», «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр», «Нанэ» жыхуиIэхэр здызэхилъхьар Истамбылщ. Бахъсэн куейм къыщалъхуа къэбэрдей усакIуэшхуэм, къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам, усэныр Истамбылт къыщищтар. Ар къэзгъэнэIуа иужькIэ, сыт абы къыпыcщэжми, абыхэм я дежкIэ гъэщIэгъуэн дыдэт – усакIуэшхуэр, къызэрыщIэкIамкIэ, езыхэм ящыщт, я шынэхъыжьт, Босфор псы Iуфэм Iутат. Алий и биографием псалъэхэзышэ кIыхь щIыхуэсщIар а усищым нэхъ гъунэгъуу сыбгъэдыхьэнрат. «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр» усэм – а сатыриплIым – университетым сыхьэт бжыгъэ щыхухэсхт. Сыхьэт бжыгъэкIэ узытепсэлъыхьынт Чингизхъан (Жынгызмэ жыхуиIэм), Темыр щIакъуэ сымэ Кавказыр илъэс куэдкIэ «зраутхыпщIам», – адыгэхэр щыгъэтауэ, мыр (усэр), къызгурыIуэм дежкIэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъ псоми я тхыдэщ, я лIыгъэщ, я фащэщ – езыри апхуэдизу усэ лъагэщи, укъызэщIеIэтэ:

      Жынгызмэ и ныпфIыцIэжьыр

      Адыгэм  жьауэ хуэхъункъым,

      Темыр  щIакъуэ къригъэпс дыгъэкIи

      Iуащхьэмахуэ  уэсыр текIынкъым

      (1917 гъ.)

      Езгъаджэхэм мыр адыгэм и гимнщ яжесIат, «гъущI хэлъу жаIэ сэ си усэм» жиIэгъащ КIыщокъуэ Алим мыпхуэдэ тхыгъэхэм щхьэкIэ. Мобдеи, зэрыхъукIэ яхузэпкъырысхащ тхыгъэр – ди тхыдэм ахэр щыгъуазэтэкъым – Чингизхъани Темыр щIакъуи Кавказым къэсауи ящIэхэтэкъыми. Ахэр къызэщIиIэтат Къэбэрдей щIалэм апхуэдэ зэхэщIыкIрэ лIыгъэрэ бгъэдэлъу зэрыщытым, тхыдэм фIыуэ щыгъуазэрэ, ар усэбзэкIэ къиIуэтэжу къызэрыщIэкIам, усэ бэлыхьри Истамбыл къызэрыщигъэщIам.

      «Тырку хадэм» усэр нэгъуэщIт. Мыр зытеухуар езыхэрат, абыхэм нобэ я псэукIэрат. Усэр зэритхрэ илъэс бжыгъэ дэкIауэ щытми, къыхэщыр хэхэс адыгэхэм я нобэрей гъащIэрат. Тыркур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я гум Алий къипсэлъыкIат – я губампIэхэр усэбзэ къабзэкIэ, анэдэлъхубзэкIэ къиIуэтат – хэку къагъуэтыжами гукъеуэшхуэ къахуищIу къащыхъуат:   …

      Жанпагуэу си нэм и нэхум

      Сигу кърихур ныщыхуэсIуатэм,

      Пэтыгъэу хуэсщIа фIэхъусыр

      АдыгэбзэкIэ къызиутыжкъым.

      ТыркущIым ар къыщалъхуати,

      Мэрхьэбэр къыщызиуитым:

      «ЗикI жумыIэ, Жанпагуэ дахэ,

      Сэ уи адэжьхэм сагъэукIытэнщ.

      «Мэрхьэбэу» мы пэкIуэ хьэлъэр

      Си фIэхъусым щытебгъэкIуакIэ,

      АбыкIэ гурыгъу згъуэтахэр

      Уи дежым ныщеупсых!»…

      ТхьэIухуду мы ди шыпхъу дахэхэм

      Хамэлъыр щащIэлъэдакIэ,

      ИкIэ дыдэу мы тураныжьхэм

      Адыгащхьэр


Скачать книгу