Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова
фимыгугъэ, ауэ КIуащ БетIал и хьэдэщIэлъхьэр икъукIэ Iэтауэ екIуэкIами, иужьрей илъэс 50-м усакIуэр яIэщIэхупат.
ПхужымыIэну Iуэху щхьэпэщ Котляров Виктор ищIар – БетIал илъэси 100 щрикъум хуэгъэза пэкIур – щэкIуэгъуэм и 22-м – дахащэу иригъэкIуэкIащ. Иджыпсту ехуэхыпа ди щэнхабзэр къыдриIэтеижри, дэкIуеипIэ лъагэм быдэу тригъэувэжащ, – абдежи зыкъомрэ зыщиIыгъынщ. Виктор Николаевич щапхъэфI къигъэлъэгъуащ: пщIэ къэзылэжьым пщIэшхуэ хуэщIын зэрыхуейр. БетIал теухуа тхылъыр къыдигъэкIри, игуэшащ. ЕтIанэгъэ – тхылъыфI, усакIуэм и творчествэр щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкIыну пэкIум щыжиIащ. Илъэси 5 ипэкIэ сыныр щигъэувыжым, мы Iуэхур интернетым куэду ита пэтми, цIыхуу къекIуэлIар мащIэт. Иджыпсту апхуэдэтэкъым. ЦIыхухэри къекIуэлIат, илъэси 100 ирикъу усакIуэм удз гъэгъахэри куэду къыхуахьат… Си гугъэщ дяпэкIэ усакIуэм и цIэр нэхъыбэрэ къаIэтыну. Ауэ, нэхъыщхьэр, куэд зымыгъащIэу куэд зылэжьа КIуащ БетIал и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ псори дунейм къытегъэхьэнращ. Ар зэфIэкIмэ, усакIуэ телъыджэм и усыгъэм я фIыпIэр къыхэхауэ адыгэ литературэ тхылъхэм игъэувэн, нобэрей щIэблэр щыгъуазэ хуэщIын хуейщ.
Ди лъахэм я фэеплъ дахэ
(КIыщокъуэ Алим – 22.07.2014—29.01.2001)
Дунейм псы сефэу сытетыхукIэ,
Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.
Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,
НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.
Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,
И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд.
Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым
Си хэку нур хадэм и уэрэд.
(КIыщокъуэ А.)
«Алим, усэ зэхэплъхьэу япэ дыдэ гу щызылъыптэжар дапщэщ?» – жаIэу щеупщIам, мыпхуэдэ жэуап къитауэ щытащ: «Къуажэр зэхэкIри, иныкъуэхэр Джэрмэншык Iэпхъуэн хуей хъуащ. Абыхэм сызыдэджэгу си ныбжьэгъу цIыкIухэр яхэтт. Джэрмэншыкыр зы жыжьэ гуэрым щыIэу, зэикI абыхэм сахуэмызэжын си гугъэти, икъукIэ сринэщхъейт. Дунейм мыбыхэм сыт фэеплъ яхуэсщIыну жысIэри, гъыбзэ яхуэзусауэ щытащ „Къуажэм дэIэпхъукIхэр“ жиIэу. Абы щыгъуэ илъэсий-илъэсибгъухэм ситт».
Алим и творчествэ псор къапщтэрэ, зи гугъу тщIам нэс уIэбэжу уриплъэмэ, гурыIуэгъуэ мыхъуу къанэркъым лъапсэрэ лъабжьэрэ и тхыгъэхэм хуэхъуар къыздикIам. ЖытIэнуращи, хэку, лъэпкъ, лъапсэ, бзэ, хабзэ темэхэр кIуэцIрокI КIыщокъуэ Алим и творчествэ псом. «Бгы лъапэхэм деж» (1941) и япэ усэ тхылъым къыщегъэжьауэ и иужьрейм —«Щхьэлыкъуэм» (2001) – деж щиухыжу абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъу хъуам бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыщыIуэтащ ар. КъызэрыщыIуэтари темэм зригъэубгъу зэпытурэ, гупсысэр нэхъ куу, нэхъ жан, къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр нэхъ къулей ищI защIэурэ зэрекIуэкIар нэрылъагъущ.
КIыщокъуэ-усакIуэм и зыузэщIыныгъэм, адыгэ поэзием, псом япэу лирикэм зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтам и щапхъэщ хэку темэм ехьэлIа и философие лирикэр. Абы къызэщIеубыдэ усакIуэм и анэдэлъхубзэм къыщыщIэдзауэ псори: бзэри, хабзэри, тхыдэри, нобэ дызыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэри, пщэдей къэкIуэнури, н. къ.
Зы