Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова


Скачать книгу
жыпIэныр тыншщ. Ар жеIэ къалэм япэу къэзыщта ныбжьыщIэми. И хэкум и гъащIэри и гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщIа цIыхум, усакIуэм и гурыщIэ иныр къызэриIуатэр нэгъуэщIущ, КIыщокъуэ Алим хуэдэущ.

      Зи гугъу тщIы усэ гупыр мыхэращ: «Мывалъэ щIыпIэу дапщэ щыIэ…", «Ди хэку аргуэру къызогъазэ», «Ди унэжь», «Щхьэлыкъуэ», «Сыжейми, си нэр зэтесхами…", «Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху…", «Си хэку нэхъ ини сыту сщIын?..», «Сыкъыщалъхуар мы щIыпIэрщ», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми…", «УцIыкIуу уи гум ибыубыдэр», «Зеич лантIэ», «Кхъужьей къудамэ», «Къэзгъэзэнщ сэ», «Гум къэкIыжхэр», нэгъуэщIхэри.

      Къэтхьынщ жытIахэм я щапхъэ зыбжанэ, зи цIэ къитIуа усэхэм къахэтхауэ.

      Псым уекIуэлIамэ, псы ефапIэм

      Бжэнымэ тIэкIу къыщыпщIехьэж.

      Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм

      Hyp IэплIэу фIэлъу къагъэзэж…

      ЩIакхъуэмэм хэтщи Iугъуэ мащIэ,

      Уи нэм щIэмыбжьэу удехьэх.

      Бжьыныху фIэдзащи уи пкIэунэм,

      ДэкIуей пкIэлъейкIи ар къехьэх…

      

      И щIыбым сису шыр согъэхъур.

      Сыкъепсыхыну Iэмалыншэщ.

      Дыгъэр къухьэхукIэ семыпсыхми,

      МэгуфIэ сянэр – сыузыншэщ.

      

      Мазэм и нурыр щхьэлым тепсэм,

      Ар псы къилъэту къыпфIегъэщI.

      Щхьэл мывэр вууэ щыджэрэзкIэ,

      Къэпым илъ хьэдзэр къеунэщI.

      

      Уэшхыпс къежэхыр зы чэнж дыдэщ,

      Ухыхьэм уихьу щымыта.

      Куэншыб идзыпIэ хъуащ аузыр,

      Дэта щхьэлыжьри якъутащ.

      Щхьэлмывэкъуэр сыт хуэдэу и теплъэр нобэ имыхъуэжами, япэм щхьэл мывэ щыхахыу щытарэ иджы а къуэм «мыхъуххэми удыхьэж», КIыщокъуэм и псэм хихкъым, абдежщ и сабиигъуэр щигъэкIуари. Дауи ирехъуи, жи, абы: «Пэслъыт уэ уи цIэм щремыIэ, уи дежщ сэ си лъэр щыувар».

      ИгъащIэм поэзием, псом хуэмыдэу лирикэм, и къалэн нэхъыщхьэу къалъытэ зы цIыхум и гупсысэхэмрэ и гурыщIэхэмрэ зэгъэуIуа ищIу ар тхылъеджэм зэхегъэщIэныр, абыкIи эстетикэ арэзыныгъэу зыхуейр а тхылъеджэм егъэгъуэтыныр. Зы цIыхуи щыIэкъым, ар иремэкъумэшыщIэ, ирекосмонавт, зи хэкур, къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зымылъагъу, ар зи гум къимышхыдыкI. КIыщокъуэ Алим и усэхэм яхузэфIокI зым и гурылъыр щэм, миным ей ящIын, «мырати сэри си лъахэм хужысIэну сызыхуеяр, сыту дахэу си гум къипсэлъыкIа» куэдым жаригъэIэн. Лъахэм хужыпIэ хъуну зыри къимыгъанэуэ къыпщохъу усакIуэшхуэм. «Щхьэлыкъуэ» тхылъым ит усэхэр адэжь щIыналъэм щхьэкIэ абы и бын пэжым къыжиIэ «духьэщ», жыпIэми ущыуэнкъым.

      Сыту пIэрэ КIыщокъуэм хэкум, бзэм, ажалыншагъэм теухуауэ япэм итха усэхэри «Щхьэлыкъуэм» щIыхигъэхьэжар? Тхылъыр нэхъ Iув ищIыну арат хьэмэрэ?.. Шэч хэлъкъым, усакIуэм и иужьрей сборникыр щызэхилъхьэм, ар куэдрэ гупсысащ. Абы зы ищIащ ящIэлъ гупсысэхэмкIэ зэпэгъунэгъу, зэпэджэж тхыгъэхэр – тхылъым къыщызэщIикъуэжащ лъахэр зыхуэдэри, гурыщIэ IэфIу абы хуиIэри, абы хуищIэфауэ къилъытэри, и IуэхущIафэхэр, и цIэр зэрымыкIуэдыжынури къызыхэщ усэхэр.

      Дэтхэнэ зы лирик нэсми хуэдэу, КIыщокъуэм и гъащIэми, и творчествэми зэгуэхыпIэ яIэкъым. Абы къикIуа гъащIэ гъуэгуанэ мытыншыр IупщIу уи нэгу къыщIыбогъэувэф, и IэдакъэщIэкIхэм


Скачать книгу